автор: Жукова Соня Хачимовна

Учитель кабардино-черкесского языка МКОУ «Гимназия №13»

Нало З. Адыгэ лъэпкъым и набдзэ

Темэр: «Адыгэ лъэпкъым и набдзэ» 

(Нало Заур илъэс  80 щрикъум ирихьэл1эу)

Мурадхэр: Нало Заур и гъащ1эмрэ и литературно-творческэ лэжьыгъэмрэ щыщ 1уэхугъуэ  щхьэхуэхэм еджак1уэхэр  щыгъуазэ щ1ын;

Нало- тхак1уэм  и изобразительнэ 1эмалхэр зэрыкъулейм щыхьэт техъуэ  тхыгъэхэм тепсэлъыхьын;

Нало Заур ди критик нэхъыф1хэм зэращыщыр,  ди поэзиер япэк1э зыгъэк1уатэхэм зэрахэтыр, сабийхэм папщ1э  тхыгъэ гъуэзэджэ куэд зи къалэмыпэм къыщ1эк1а тхак1уэ 1эзэу зэрыщытыр яже1эн.

План.

  1. Орг.момент.
  2. Егъэджак1уэм и пэублэ псалъэ.

Адыгэ тхылъеджэр куэд щ1ауэ щыгъуазэщ Нало Заур и жанр  зэмыл1эужьыгъуэхэм зэрырилажьэм, дэтхэнэми  абы езым и псалъэщ1э зэрыщыжи1эфым. И лъэпкъым и 1ущагъыр, и къарур, и гугъап1эр, и гуауэр,  и хьэл-щэныр  зыхэлъ  псалъэ купщ1аф1э  куэд Нало Заур жи1эн хузэф1эк1ащ.

 Ар ди критик нэхъыф1хэм ящыщщ, ди поэзиер япэк1э зыгъэк1уатэхэм яхэтщ, ди культурэм, ди литературэм я тхыдэр куууэ зыджу ар нобэ  ди пащхьэм гъэхуауэ къизылъхьэж щ1эныгъэл1щ, сабийхэм папщ1э  тхыгъэ гъуэзэджэ куэд ди къалэмыпэм къыщ1эк1а тхак1уэ 1эзэщ.

— Иджыпсту Нало Заур и гъащ1эмрэ  и литературнэ лэжьыгъэмрэ дытепсэлъыхьынщ.

Еджак1уэм:

Нало Заур  Мухьэмэд и къуэр Аруан районым щыщ Старэ Урыху къуажэм 1928 гъэм къыщалъхуащ. Абы 1948 гъэм  курыт школыр къеух ик1и  щ1от1ысхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр  пединститутым адыгэбзэмрэ литературэмк1э и отделенэм.

1952 гъэм Налом ехъул1эныгъэк1э къеух институтыр ик1и  абы   къыщагъэнэж егъэджак1уэу. 1954 гъэм  къыщыщ1эдзауэ 1998 гъэм пенсэм к1уэху,  ар щылэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэр щ1эныгъэ-къэхутак1уэ институтым. Налом и усэ хъуржыным берычэту  кърих  усыгъэ гъэщ1эгъуэнхэмк1э  зыхуэгуапэ ц1ык1ухэр я ныбжьк1э  зэщхьэщок1. Ауэ ц1ык1ухэр  дэзыхьэхын, гурыхуэу зыгъэгупсысэн защ1эщ ахэр. Усэ, рассказ тхыным къыдэк1уэу, Нало Заур адыгэ 1уэры1уатэм, литературэм теухуауэ къэхутэныгъэшхуэ  ирегъэк1уэк1. абы зэхуехьэс ик1и  къыдегъэк1 адыгэ 1уэры1уатэ зэрыт тхылъхэр.

1955гъэм къыщыщ1эдзауэ печатым къытохуэ Нало Заур  и усэхэр, литературно-критическэ статьяхэр.

Егъэджак1уэм:

Шэч хэмылъу, усэ гъэщ1эгъуэн куэд итхащ Налом сабийхэм папщ1э.

 Усэхэр сабийхэм я дежк1э зэгъэщ1эгъуаф1эу, гукъинэжу зэрыщытым къыдэк1уэу, дапщэщи ф1ым, дахагъэм ахэр хуаущий. Сабийм  и гур, и псэр дунеягъэм и къэхъукъащ1эхэм хуэ1эф1у, хуэжумарту щытыным хуаунэт1. Абы щыгъуэми,  усэхэм як1уэц1ылъ гупсысэр зэшыгъуэу  щыткъым, ц1ык1ухэр гу лъамытэхэурэ абы зы1эпешэ.

Иджыпсту мы ди зэ1ущ1эм къытхуеблэгъа ныбжьыщ1э ц1ык1ухэр къытхуеджэнщ Заур сабийхэм папщ1э зэхилъхьа усэхэм.

 

Еджак1уэм- «Беслъэнрэ Аслъэнрэ» (еджак1уипл1 къоджэ)

И1эт дадэм къуэрылъхуит1!

Нахуищ1ауэ псоми зхуит-

Жэрым тесу зы Аслъэн,

Бланэм тек1уэу зы беслъэн.

Нэхур щамэ я джэгуэгъущ,

Жэщыр хъуамэ я гъуэлъэгъущ.

— Щыдыдейк1э дадэ дэ

Дыгъэгуэшыт ещхьу  дэм!-

Ар игу къок1ри ди Аслъэн

Къегъэда1уэр ди Беслъэн:

И лъакъуит1ыр зэпагуэш,

И ни и 1и зэдагуэш- 

Аслъэн –зы, Беслъэн – зы,

Т1ури къещ1ыр арэзы.

— Ауэ и щхьэр дауэ хъун, 

Дауэ тщ1ымэ дауэ хъун?-

Дадэ  щхьэуэ ф1этыр зыщ, 

Зэшхэр къищ1къым арэзы:

-Дадэ щи1эк1э лъакъуит1

Ягъэ к1ынт ф1этамэ щхьит1!

Ей Беслъэну щ1алэжь ц1ык1у, 

Ей Аслъэну делэжь ц1ык1у!

Зы щхьэ ф1эк1 ф1эмытми вдэ, 

Фи1эу щытмэ дадэ фэ.

Зы дэ фи1эм зэдэвгуэш,

Ауэ дадэр фымыгуэш.

Дадэм фэ к1эфий евгъэщ1,

И гур зеик1 хэвмыгъэщ1.

2-нэ еджак1уэ- «Дадэрэ нанэрэ» усэр.

Данэ зещ1ыр дыгъужьыжь,

Данэ зещ1ыр бэлэцэжь.

Гъуэлъып1эщ1агъым ар къыщ1опщ, 

Къыхегъэлъыр п1э щ1ыжам.

Нэ гъуабжит1ыр кърегъэж:

Нанэ к1ийуэ къыщ1егъэж.

И щынэдзэхэр къыхуелъ,

И дадэжьым ныкъыхуолъ:

Дадэ къощтэ, дадэ магъ;

Мо дадэжьыр зи инагъ.

Данэ и псэм ар хуэмыхь,

Дадэр мэхъур ф1эгуэныхь:

Нэпс щ1эмык1ыу дадэр магъ,

Нэпс щ1игъэк1ыу Данэ магъ

Мис апхуэдэщ Данэжь ц1ык1у,

Хэт хуищ1ын абы емык1у.

3-нэ еджак1уэ- «Нанэ и псэ, дадэ и бзэ» (еджак1уит1 къоджэ)

Сэ си нанэр папэм янэщ,

И псэр адыгэпсэщ;

Сэ си дадэр  папэм ядэщ,

И бзэр адыгэбзэщ.

Адыгэпсэ,  нанэ и псэ,

Сыту упсэ дахэ!

Адыгэбзэ, дадэ и бзэ, 

Сыту убзэ дахэ!

Фщ1эрэ фэ абы  и л1ыгъэр?

Ар йопсалъэ дыгъэм.

Сыту ф1ыщэт уэ ди дыгъэр

Узэрыадыгэр!

 

Егъэджак1уэм:

Нало – тхак1уэм и изобразительнэ 1эмалхэр зэрыкъулейм щыхьэт тохъуэ и тхыгъэхэм хэт ц1ыхухэм, 1уэхухэм  я къэгъэлъэгъуэк1эр куэду  зэрызэщхьэщык1ыр, тхыгъэхэм я  кущ1эм  ек1уу к1эрилъхьэн «фащэри» шэрыуэу къызэригъуэтыр. Абы и щыхьэтщ:

«Псыхъуэгуащэмрэ 1эдиихурэ» (хъыб). 

«Техьэпщ1э», «Къру закъуэ» (новеллэхэр)

—  Еджак1уэхэм  тхыгъэр зытеухуар к1эщ1у къа1этэж.

Егъэджак1уэм:

Нало Заур зэдзэк1ак1уэ 1эзэщ. Абы и анэдэлъхубзэмк1э зэридзэк1ащ Ш.Перро и «Шырыкъу зыщыгъ джэду» псысэр; Гримм зэшхэм ятха «Тхьэк1умэк1ыхьымрэ цыжьбанэмрэ», «Бремен джэгуагуэхэр» псысэхэр,  Х.К.Андерсен «Принцессэр джэш хьэдзэм зэрытелъар», «Дюймажьгъэ», 

урыс тхак1уэхэм я тхыгъэхэу Л.Н.Толстой « Джэду шыр», В.Сухомлинский «Хъумп1эц1эджыр здэп1ащ1эр», Ю.Барков «Зэмыджа хьэщ1э», н.

— Еджак1уэхэм к1эщ1у  къыжа1эж Л.Н.Толстой и тхыгъэ «Джэду шыр» жыхуи1эмрэ Х.К.Андерсен и  «Принцессэр джэш хьэдзэм зэрытелъар» псысэмрэ.

Егъэджак1уэм:

— Дэтхэнэ зы ц1ыхуми  1урылъын хуейщ 1уэры1уатэм и бзэр.

Адыгэ псэлъэк1э нэсу къызэтенар усэ-уэрэдхэм, къуажэхьхэм, псысэхэм  я бзэращ.  Абы и шэрыуагъыр, и дахагъэр я псэм хыхьэну дыхуеймэ, яхуэдгъэбзэрэбзэн хуейщ.

1уэры1уатэм и купщ1эр узыншэщ: абы ц1ыхур ф1ым дахэм, нэмысым хуеущий, л1ыгъэм, акъылыф1агъэм хуегъэ1ущ, набдзэгубдзаплъэу егъасэ.

Адыгэр адрей  лъэпкъхэм къызэрац1ыхуу щытар, я л1ыгъэм къыдэк1уэу,  1эдэб дахэрат, нэмысышхуэ яхэлъу, хабзэ хьэлэмэтк1э псэууэ зылъагъу хьэщ1эхэм «Кавказым ис французхэр» жа1эу щытащ.

Адыгэ хабзэк1э зэджэр культурэ инщ, гъащ1эм и лъныкъуэ псори къиубыду.

Нало Заур зэхуихьэса 1уэры1уатэр.

— Иджыпсту    жыдвгъэ1эт хьэтыр псалъэхэр:

Еджак1уэ:

Кхъы1э, мы тхылъым сыкъегъаджэ.

— Кхъы1э, уи жагъуэ умыщ1!

— Кхъы1э, сынолъэ1у: кхъы1э, сынолъэ1у, 1эдэбу щыт!

Кхъы1э, сынолъэ1у, бзэгу зумыхьэ!

 -Алыхьым  и хьэтырк1э: Алыхьым и хьэтырк1э, къак1уи сыкъэлъагъу. Алыхьым и хьэтырк1э, дызэгъэк1уж.

—  Шыгъу-п1астэм и хьэтырк1э: Шыгъу- п1астэм и  хьэтырк1э,  умыгубжь!

— Шыгъу- п1астэм хьэтыр и1эмэ,  сыкъыумыгъэщ1эхъу!

— Уи адэ-анэм я хьэтырк1э: Уи адэ-анэм я хьэтырк1э, си жагъуэ къыумыщ1! Уи адэ-анэм я хьэтырк1э, 1эдэбу щыт!

-Сынолъэ1у: Сынолъэ1у, мы жыс1энум къеда1уэ. Сынолъэ1у, къак1уи дыгъэуэршэр!.

Егъэджак1уэм:

-Иджыпсту къыжыт1энщ Нало З. зэхуихьэсыжа псынщ1эрыпсалъэхэр.

Еджак1уэ:

— Пхъащ1эм хьэщ1эм хуищ1а гущ1эм,

Выщ1эр щ1ищ1эри,

Нэщ1у, п1ащ1эу

Т1уащ1эм к1уащ.

— Дыгъэ къепсым сыкъригъэпсри

Си нэпсыр тк1уэпс –тк1уэпсу

Къыщ1игъэлъэлъащ.

— Мо 1уащхьэ  папц1э ец1энтхъуэхыгъуэм

Сэ сыхуец1энтхуэхыгъуэ,

Мо 1уащхьэ папц1э ец1энтхъуэхыгъуэм

Сэ сыхуец1энтхъуэхыгъуэ…

— Мо  бжэ къуагъым къуэлъ жыхапхъэр

Унащхьэм щхьэпрызут1ыпщык1-

Къыщхьэпрызут1ыпщык1ыж,

Щхьэпрызут1ыпщык1-

Къыщхьэпрызут1ыпщык1ыж…

—  Нанэрэ дадэрэ зэбзопсэлъык1- къызэблопсэлъык1ыж,

Зэбзопсэлъык1- къызэблопсэлъык1ыж….

— Мо вагъуэ бзыгъэ ф1ыц1э ц1ур

Зэрысф1эвагъуэ бзыгъэ ф1ыц1э ц1у!

Ар уэри уф1эвагъуэ бзыгъэ ф1ыц1э ц1у?

Егъэджак1уэм:

Иджыпсту и гугъу тщ1ынщ къуажэхьхэм. Зым къуажэхьыр же1э,  адрейм жэуапыр къещ1э. Гупит1у зыдгуэшынщи, дызэпеуэнщ. Къуажэхь  нэхъыбэ къэзыщ1а гупыр ток1уэ.

Еджак1уэм:

  • Щабэрык1уэ – мэзк1уэрей  (1эжьэ)
  • Быргуэ-быргуэ, быргуищэ, къуажищэ къызэптами, уэзмытын (лъэмыж)
  • Зи к1эр дыкъуакъуэ, бгыкъур зи  унап1э (пц1ащхъуэ)
  • Уеджэмэ, къоджэж (джэрпэджэж)
  • Хуабэ хъумэ,  мэдыд, щ1ы1э хъумэ, мэдий (бадзэ)
  • Уеплъым гъуджэ, уеджэм дэгу (мыл)
  • Ди пщ1ант1э щоудж, ди 1энэ щоджагуэ, быныр егъэгуф1э (гуэгуш).

Егъэджак1уэм:

Нало Заур и хъэт1ымк1э псоми къахощхьэхук1. Тхак1уэм  и л1ыхъужьхэр гурыщ1эк1и ц1ыхугъэк1и л1ыгъэ зыхэлъ, зи 1эщ1агъэм, зи лэжьыгъэм хуэ1эижь, напэм къемызэгъын пхуэзымылэжьыну, пэжыр зи гъуазэ, ц1ыхугъэ лъагэм лъагъугъуаф1э ищ1, лъагъуныгъэ нэсым зи псэр уэгум нэсу и1эт ц1ыху щыпкъэхэщ.

Налом и тхыгъэхэм я купщ1эр гъащ1эрщ,  нобэрей зэманырщ. Тхак1уэм и сабиигъуэри и Урыху щ1ыналъэм дощ1эращ1э. ауэ а псом теухуауэ тхак1уэм къытхуи1уэтэж гупсысэхэм я къэухьыр  Урыху щ1ыналъэм къыщымынэу, мы дунеишхуэр зэтезы1ыгъэ ц1ыхугъэм и пщалъэхэм, гъащ1эм и 1уэхущ1афэ нэ1урытхэм, дэтхэнэ ц1ыхуми и гъащ1эм дежк1э мыхьэнэшхуэ зи1эу  щыт 1уэхугъуэхэм нос. Ц1ыхугъэмрэ напэмрэ, нобэрей гъащ1эм  и пщалъэу щыт 1уэхушхуэхэр фэрыщ1агъ хэмылъу Налом «къет1эщ1».

 

Зэ1ущ1эр еух Нало З. и «Адыгэбзэр мэбзэрабзэ» усэмк1э:

/Зэ1ущ1эм кърихьэл1а псоми зэгъусэу жа1э/

Адыгэбзэр убзэрабзэм,

Уафэ къащхъуэм зеукъэбзыр,

Бзум усэныр ягу къок1ыжри,

Удзхэр вагъуэу къыздогъагъэ,

Иригуф1э а дахагъэм!

 

Нало З. Адыгэ лъэпкъым и набдзэ

Следите за новостями в соцсетях

Вконтакте MAX Телеграм Одноклассники

А также подписывайтесь на канал Научно-образовательный вестник «Pedproject.Moscow» в MAX