автор: Канукоева Мадина Суфьяновна
Учитель кабардино-черкесского языка МКОУ «Гимназия №13»
Родной язык
Анэдэлъхубзэу анэм и жьабзэ!
Дунейм щынэхъ дахэр сыт?
Адыгэ хъыджэбзыращ.
Абы нэхъ дахэжыр сыт?
Адыгэшу къабзэращ.
Адыгэшыр зыгъэдахэр сыт?
Адыгэл1 губзыгъэращ.
Ар зыгъэгубзыгъэр сыт?
И бзэр- адыгэбзэращ. (Нало Заур)
Лъэпкъыр зыгъэлъэпкъыр, лъэпкъ хабзэр къозыгъащIэр – бзэрщ. Абы къыхэкIкIэ дэтхэнэри хущIэкъун хуейщ и бзэр и нэм, и псэм хуихьу псэуну. Бзэм и къарур инщ. Гур зыгъэпсалъэри бзэрщ. Гупсысэм и Iэщэ, лъэпкъ зэхэщIыкIым зезыгъэужь анэдэлъхубзэр фIыуэ имылъэгъуныр, имыхъумэныр цIыху пэжым хузэфIэкIын хуейкъым. Бзэм ирипсэлъэфу, иритхэфу сабийр гъэсэн къудейкIэ зэфIэкIыркъым егъэджакIуэм и къалэныр, атIэ къызыхэкIа лъэпкъым хуэпэжу, ар ихъумэу щIэблэр къэгъэхъун хуейщ. Дауэ фIыуэ зэрумылъэгъунур уи анэр къызэропсалъэ бзэр – уи анэдэлъхубзэр! Дэ ди анэдэлъхубзэр, адыгэбзэр, тхъумэнщ, а бзэри къызэтеднэнщ, вагъуэплъхэр бзагуэу къахуэдгъэнэнкъым, ар дэ нэхъ лъэщ тщIынщ.
Сыт, жыфIэт губзыгъэр зыгъэгубзыгъэр? И бзэрщ, адыгэбзэрщ. Ар псэунщ зы адыгэ дунейм тетыху, адыгэри – и бзэр дунейм тетыху! Сэ быдэу си фIэщ мэхъу адыгэбзэр зэрымыкIуэдыжынур. ДгъэкIуэдынкъым ди бзэр, ар тхъумэнщ дэ зэрытхуахъумам ещхьу. Бзэм и фIыгъэкIэ дэ дыщыгъуази ди лъэпкъым и блэкIам, абы и уэрэд , усэ, псысэ хьэлэмэтхэм!
ЦIыхум и акъылыфIагъыр и зэхэщIыкI – гупсысэм и кууагъыр къызэрыпщIэр абы псалъэрщ. Лъэпкъым и хабзэр , лIэщIыгъуэкIэрэ зэригъэпэща хъугъуэфIыгъуэхэр зыхъумэр ди деж къэзыхьэсар бзэрщ.
Зэманыр макIуэ, гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ куэди къыщохъу. Адыгэу, адыгэбзэм урипсалъэу нобэ ущытыныр гугъущ, адыгэ цIыхур мэхъу кIуэ пэтми жьгъей, дэ абы дронэщхъей, лъэпкъыбзэу минхэкIэ къэгъуэгурыкIуар, жэнэт хэкум щыпсэухэу бзэр цIыхухэм яIурылъу къэгъуэгурыкIуар.
Ди лъэпкъ дахэ , лъэпкъ бэшэчым, лIыхъужьыгъэ зи бзэм тхыдэ кIыхь къызэринэкIам щыгъуазэ дыхуищIу тхуахъумауэ адыгэбзэр. АтIэ ар дэ нобэ дгъэкIуэдыжын хуей? Адыгэу хъуам телъхьэн хуей тезыр IэщIыб ищIыжыну и анэдэлъхубзэр – пIукрылъу зы бзэ, узэдису зыщI, хьэлэлу къыщыптепсэкIэ зы дыгъэ, уи бзэр пхъумэжыным къикIыр зыщ – уадыгэну къыпкъуэкIынырщ лIыгъэ! Си адыгэбзэ! Си гъатхэ къуэмыхьэж, си гукъыдэж, си гурыфIыгъуэ! УзиIэу зыми семыхъуапсэ! Хэти жреIэ уэ къэбгъэщIэнур къэбгъэщIауэ. Хьэуэ, уэ упсэунщ : утхъумэжынущи, уедгъэфIэкIуэнущи. Анэдэлъхубзэм пищIын щыIэкъым цIыхум, ар лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ ин дыдэхэм ящыщщ.
Бзэр тIэщIэкIмэ, дылъэпкъкъым.
Акъыл ин ухуэмей
КъыбгурыIуэну а тIэкIур
Утетыну дунейм…
Апхуэдэу жиIащ усакIуэ Бещтокъуэ Хьэбас. Сыт а псалъэхэм пыбдзыжын?!
Анэдэлъхубзэу си нэ, си псэ, анэм и жьабзэ, уэ узыгъэикIэр акъыл тхьэмыщкIэу къызобж! Анэдэлъхубзэу си гум и хущхъуэ, псэм и IэфIыщэ, пхузощI сыт щыгъуи сэ адыгэ фIыщIэ, анэдэлъхубзэу анэм и жьабзэ, уздэщымыIэ – сыщремыIэ! Пэжщ, зи бзэр лъэщым, нэгъуэщIыбзи ещIэр, бзитI – бзищ зыщIэфыр цIыхуитI – щыи и уасэщ. Ауэ мы дунейм зи бзэр зыгъэкIуэдым псэуху, мэхъу си фIэщ, насып IумыщIэн. Сэ сыхуейщ псынэм хуэдэу къабзэну си бзэр, мыкIуэдыжыну си анэм сигъэщIар, адыгэбзэкъэ зыIыгъынур хабзэр, адыгэбзэркъэ адыгэ лъэпкъыр зыщIыр!
Сэ сфIэфIщ лъэпкъыбзэр нэхъри езгъэфIэкIуэну, слъэкIамэ си адыгэбзэм и лъэщагъымрэ и дахагъэмрэ щыгъуазэ cщIынт дуней псор. Адыгэбзэр тхъумэмэ, къэхъу щ1эблэщ1эр ди бзэ дахэр я1урылъу къэдгъэхъумэ, ди лъэпкъыр еф1эк1уэнущ, ипэк1э к1уэтэнущ.

