автор: Канукоева Мадина Суфьяновна
Учитель кабардино-черкесского языка МКОУ «Гимназия №13»
Адыгэ 1уэры1уатэ (Устное народное творчество адыгов)
Адыгэ 1уэры1уатэ 5кл
Дунейм зы лъэпкъи тету къыщ1эк1ынкъым, ц1ык1ухэ, зи 1эры1уатэ зэзмыгъэпэща, ар зимы1э, ар зи гъащ1эм къыщызымыгъэсэбэп. Нобэ дэ ди зэ1ущ1эр зытеухуар адыгэ 1уэры1уатэрщ. 1уэры1уатэм хохьэ: псалъэжьхэр, нэщэнэхэр, псысэхэр, шыпсэхэр, нарт эпосыр, хъыбархэр, таурыхъхэр, уэрэдхэр, къуажэхьхэр. Ахэр псори зэхэзылъхьар народырщ. Зы щ1эблэм зэхилъхьам къык1элъык1уэм зыгуэр хилъхьэм дыщ1игъуурэ ди нобэм къэсащ.
- Адыгэ 1уэры1уатэм щ1ып1эшхуэ щаубыд псалъэжьхэм. Псалъэжьхэм я къалэныр щ1э, гъэщ1эгъуэн, губзыгъагъэ, 1ущыгъэ гуэр ц1ыхухэм къыхуа1уэтэн къудейкъым, ат1э къэхъу щ1эблэщ1эр, фэ ц1ык1ухэр, ф1ым, пэжагъым, захуагъэм, л1ыгъэм, гущ1эгъум хуагъасэ, хьэл-щэн нэхъыф1хэр хапщэ, щ1эпхъэджагъэм, ц1ыхугъэншагъэм щахъумэ. Иджыпсту ц1ык1ухэм дыщагъэгъуэзэнущ адыгэ псалъэжьхэм (1, 3, 6 –нэ классхэм щ1эс еджак1уэхэм)
Дыщэр и 1эпэм къыпощ. Зэ1усэм псэ хелъхьэ. Лэжьэным хэзагъэр – щ1эныгъэми хозагъэ. Лэжьыгъэм уегъэлъап1э, щхьэхынагъэм уегъэпуд. Улажьэмэ лыжь пшхынщ, умылажьэмэ лажьэ бгъуэтынщ. Ц1ыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ. Щ1ым зы ептмэ щэ къуетыж. Бзу пэтрэ, абгъуэ ещ1. Дыжэф пц1анэ хъуркъым. Бзур зы1этыр дамэщ, ц1ыхур зы1этыр акъылщ. Жьым щытхъуи щ1эр къащтэ. Псыпэр зэрыжэм, псык1эри ирожэ. Уи япэк1э мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуэзэжынщ. Ф1ым ф1ы пок1уэри, 1ейм 1ей пок1уэ. Щ1эр жьы мэхъури, жьыр щ1э хъужыркъым. Нэхъыжьыр гъэлъап1и уи щхьэр лъап1э хъунщ. Гупсыси – псалъэ, зыплъыхьи т1ыс. Зи нэхъыжь еда1уэ и 1уэху мэк1уатэ. Псэр щэи, напэр къэщэху. Нэмыс пщ1ымэ, уи щхьэщ зыхуэпщ1ыжыр. Ц1ыхум и ц1эр езым зыф1ещыж. Нэмыс здэщымы1эм, насыпи щы1экъым. Нэмысыншэр — насыпыншэщ. Е пщ1ауэ ф1ы ущымыгугъ, ф1ы пщ1ыуи ущ1эмыфыгъуэж. Нэхъыжь к1элъыджэркъым к1элъок1уэ. Хьэщ1эр гъаф1э, ц1ыхуф1ыр лъытэ. Нэхъыжьыф1 зи1э нэхъыщ1эф1и и1эщ. Сабий зэрымыс унагъуэр насыпыншэщ. Сабийм насып къыдок1уэ. Уи анэ къыбжи1эм еда1уэ, уи адэ къыбжи1эр гъэзащ1э. Уи адэ-анэм яхуэпщ1 нэмысыр уи быным къыпхуащ1ыжынщ. Ук1ытэ зи1эм насып и1эщ. Фащэм я нэхъ дахэр ук1ытэщ. Жьэк1э маисэщ, 1эк1э сэмэгущ. Жьэры1эзэ 1эпэзадэ. И зыгъазэ и мазэщ. Хуэмыху унафэ щ1ынк1э 1эзэщ. Апрелыр мэлыжьыхьщ. Апрелыр мэл шхыгъуэщ. Гъатхэ дыгъэм к1агъуэпск1э уегъэпск1ри, бжьыхьэ дыгъэм тхъупс къыптрек1э. Гъатхэ дыгъэм ф1амыщ1эпс еутхри, бжьыхьэ дыгъэм сэхусэплъ еутх. Гъатхэ уафэ гъуанэщ. Гъатхэ унэ гъуанэщ. Гъатхэм тумысар бжьыхьэм къытепхыжыркъым. Гъатхэм жеяр бжьыхьэм мэгъыж. Гъатхэм пасэу пщ1эр, бжьыхьэм игъуэ мэхъу. Гъэм и зы махуэм щ1ымахуэм уегъашхэ. Гъэмахуэ тхьэмахуэр щ1ымахуэ гъуэмылэщ. Гъэмахуэм къыумылэжьар щ1ымахуэм бгъуэтыжыркъым. Гъэмахуэм умыгъэт1ылъа, щ1ымахуэм къэпщтэжыркъым. Щынащхьэ плъагъумэ, гъэмахуэщи, 1этащхьэ плъагъумэ, щ1ымахуэщ. Зы пц1ым пэжищэ щ1ехъумэ. И к1эм упытми, гупым яхэт. Зэгуры1уэ я 1уэху псынщ1эщ. Гъусэ мыхъумыщ1э нэхърэ, гъущ1ыпэ. Гужьеигъуаф1э унэхъугъуаф1эщ. Жьант1эм ущ1эмыкъу, пхуэфащэмэ, къыплъагъэсынщ. Ц1ыху хьэлэлыр 1умахуэщ. Куэд жызы1э нэхърэ куэд зыщ1э. Мащ1эр ф1ыщ1э зымыщ1ым куэдри ф1ыщ1э ищ1ыркъым. Зи п1алъэ умыщ1э шык1э утыку уимыхьэ, гъуэгу утемыхьэ. Гъунэгъу зыгъэпудым пудыныгъэ егъуэт.
Егъэджак1уэ:
- Ди адыгэ 1уэры1уатэм куэду хэтщ псысэхэри шыпсэхэри. Ахэм лъабжьэ яхуэхъуар ц1ыху гъащ1эрщ. Псэущхьэхэм, къэк1ыгъэхэм я гугъу ящ1к1эрэ, псысэхэм дагъэлъагъу ц1ыхухэм я псэук1эр, я зэхущытык1эр, я хьэл-щэнхэр, я хъуэпсап1эхэр. Иджыпсту дэ дедэ1уэнщ зы шыпсэ, зыдгъэпсэхунщ.
Еджак1уэ Къуэдзокъуэ Луизэ /3Акл./: «Къулбацицэ»
Щы1ащ- псэуащ зы щ1алэ ц1ык1у Къулбацицэк1э еджэу. Ар езыр…щ1алэф1т жып1а? Ауэ сытми щ1алэф1т, щ1алэф1 и щ1алэф1ыжт!
Ат1э, еуэщ – е1эщ аби, зэгуэрым Къулбацицэ и ныбжьэгъу ц1ык1ухэр зыщ1игъури мэрак1уэхьэ к1уащ.
К1уэм-лъейм, к1уэм-лъейурэ, мэзыбгъум деж щылъ губгъуэшхуэм нэсахэщ.
Абы сытым хуэдэ мэрак1уэ щы1эт, плъыжьрэ-плъыжьру, 1эф1рэ-1эф1у, езыр пшхы пэтми зумыгъэнщ1у.
Арати, щ1алэ ц1ык1ухэр мэрак1уэм дихьэхри к1ыф1 къатехъуащ. К1ыф1 къатехъуэри унэм къызэрык1уэжыну гъуэгур къыхуэмыгъуэтыжу гъуэщащ. 1эджэрэ гъынэнаи Къулбацицэ и гъусэхэр, нэхъыбэжрэ къак1ухьаи, сытми, мэз гъунэм 1уту унэ пхашэжь ц1ык1у гуэр ирихьэл1ащ, и щхьэгъубжэм нэху къыдидзу. Къэгуф1эжхэри джахэщ. Джэмэ зы фызыжь ц1ык1у къыщ1ок1ри, къащыгуф1ык1ыпэурэ, щ1ешэ, егъашхэри егъэгъуэлъыж.
Ц1ык1ухэр жеижа хъункъэ щыжи1эм, уд фызыжьым и дзэхэр илъу щ1едзэ, зэрызурэ ишхыну. Къулбацэцэ жеиртэкъым. Абы гу лъитэри уд фызыжь ц1ык1ур щ1эупщ1ащ:
— Ар сыт, щхьэ умыжейрэ?.
— Сэ, — жи Къулбацицэ, — иджы хуэдэхэм деж си анэм жэмыкуэ схуищ1ырти, сигъэшхырт.
— Ар гугъу-т1э! – къыпогуф1ык1 уд фызыжь ц1ык1ур.
Жэмыкуэ хуабэ хуещ1, ар ирегъэшхри егъэгъуэлъыж. Жеижакъэ щыжи1эм, ц1ык1ухэм ящыщ зым бгъэдохьэ уд фызыжьыр.
Къулбацицэ зегъэпсчэу1у.
— Ар сыт, щхьэ умыжейрэ? – къоупщ1 уд фызыжь ц1ык1ур.
— Сэ, — жи Къулбацицэ, — иджы хуэдэхэм деж си анэм джэд лыбжьэ схуищ1урэ сигъэшхырт.
Гъумэт1ымэурэ джэд лыбжьэ ещ1э, ар Къулбацицэ ирегъэшхри егъэгъуэлъыж.
Зыкъом дегъэк1ри уд фызыжь ц1ык1ур зэщ1одэ1ук1. Къулбацицэ жей нэпц1 зищ1ауэ хэлът и псэр 1ук1ауэ. Ц1ык1ухэм ящыщ зым уд фызыжь ц1ык1ур щыбгъэдыхьэм, Къулбацицэ нэхъ иныжу зегъэпсчэу1у.
— Ар сыт, щхьэ умыжейрэ? – же1э уд фызыжьым, къэгубжьарэ жьыр иримыкъуу.
— Сэ, — жи Къулбацицэ, — иджы хуэдэхэм деж си анэм псынэм кхъузанэк1э псы къысхурихыурэ сригъафэрт!
— Аррр гугъугъу-т1э! – и пэм жьы кърихужыркъым уд фызыжь ц1ык1ум.
Абы и гъущ1 кхъузанэр къещтэри псынэм мак1уэ, псынэ 1уфэм 1уот1ысхьэри псы кърегъахъуэ, къригъэхъуар йожыж, кърегъахъуэ, къригъэхъуар йожыж. Апхуэдэурэ уд фызыжь ц1ык1ум нэху къытещхьащ. Къулбацици зыхуеиххэр арати, и гъусэхэр къигъэушри, мак1уэ- мэц1ыв, къыщ1эпхъуэжахэщ.
Уд фызыжь ц1ык1ур нобэми ныжэбэми 1усщ, жи, псы 1уфэм, и кхъузанэм къригъахъуэр йожыжри.
Егъэджак1уэ:
- Лъэпкъ 1уэры1уатэм зыубгъуауэ ущыхуозэ нэщэнэхэми. Нэщэнэхэм щызэхуэхьэсащ адыгэхэм я 1уэху еплъык1эр, зэхэщ1ык1ыр, дунейр къазэрыщыхъур, блэжьынк1э 1эмал зимы1эхэр е пщ1эм кърик1уэнухэр. Ди нэщэнэхэм драгъэдэ1уэнщ 1, 3 классым щ1эс еджак1уэхэм.
Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ, уэлбанэ хъуну жа1эрт.
Бэлагъым уебзеймэ бзэгузехьэ уохъу жа1эрт.
Бжит1ым я кум уитыну ф1ыкъым, жа1эрт.
Бзу абгъуэ уи1эбэмэ, 1э бэгу уохъу жа1эрт.
Вакъэм зи1убмэ ф1ыкъым жа1эрт.
Вындыжьхэр зэрызехьэмэ, джэгумэ, уэлбанэ хъунущ, жа1эрт.
Гъавэм утеувэмэ берычэтыр хок1 жа1эрт.
Гъуэгурык1уэм и гъуэгу зэпаупщ1ыркъым.
Гъубж махуэм 1уэху яублэркъым гъуэгу техьэркъым.
Гъуджэ п1эщ1экъутэмэ ф1ыкъым, жа1эрт.
Гъунэгъур бий пщ1ыну ф1ыкъым, жа1эрт.
Гъущ1ыпэ къэбгъуэтыну ф1ыщ.
Джэдум и щ1ыб маф1эм хуигъазэмэ, уае хъунущ жа1эрт.
Джэдур жыхапхъэм еп1эстхъмэ, хьэщ1э къэк1уэнущ, жа1эрт.
Жэщыр бзыгъэмэ, щ1ы1эщ, уфамэ, пшагъуэмэ, хуабэщ, жа1эрт.
Уэсыр куумэ гъэр ф1ы мэхъу, жа1эрт.
Япэу уэс щыплъагъук1э хъуэхъуэн хуейщ жа1эрт.
Егъэджак1уэ: Адэк1э дедэ1уэнщ псысэ гъэщ1эгъуэн.
Еджак1уэ Лат Данэ /3Акл./ «Ужьэ псыгъуэрэ Уашхэ нэк1ут1эрэ»
Ужьэ псыгъуэрэ Уашхэ нэк1ут1эрэ зэныбжьэгъуу, зэгъунэгъуу мэзым щыпсэухэрт. Ужьэм лэжьэн ф1эф1т. Уашхэр щхьэхынэу шхэныр зи щ1асэт.
Зы махуэ гуэрым Ужьэр Уашхэм деж к1уэри елъэ1уащ:
— Си гъуэм псы имылъэдэн щхьэк1э, щ1ыхьэп1эм зыгуэр 1узмыщ1ыхьу хъунукъыми, укъыздэ1эпыкъуамэ арат.
Лэжьэн зи жагъуэ Уашхэм зрилъэфыхьщ-зрилъэфыхьри, жи1ащ:
-Уей, Ужьэ, си гъуэми апхуэдэ дыдэу уэшх къолъадэ, зыгуэр 1усщ1ыхьынути укъезджэу узыдэзгъэ1эпыкъун си мураду аратэмэ.
-Хъунщ-т1э,- жи1ащ бзаджагъэ зигу къэмык1 Ужьэм, — уи 1уэхур нобэ, сысейр пщэдей зэф1эдгъэк1ынщ.
Уашхэм ищ1эшхуэ щымы1эу, Ужьэм зыкъримыгъэлыжу, пщ1энт1эпсыр къыпыхуу эщ хъуху лэжьахэщ.
— Уей, Ужьэ, хъарзынэу укъыздэ1эпыкъуамэ. Сэри пщэдей сыбдэ1эпыкъужынщ.
Арщхьэк1э, Ужьэм, Уашхэм зэрызыщ1ригъэхыр къыгуры1уати, жи1ащ:
— Хьэуэ, Уашхэ, мы лэжьыгъэм хъарзынэу нобэ уи дей зыщезгъэсащи, иджы си закъуи схузэф1эгъэк1ыжынущ.
Арати, Ужьэр ежьэжащ. Ет1уанэ махуэм жьыуэ къэтэджри, и гъуэм уэшх къимышхэн хуэдэу игъэбыдащ. Уашхэр махуэ псом къыкъуэк1акъым. Ужьэр егупсысащ: «Къызэрыздэмы1эпыкъуам щхьэк1э ук1ытэжагъэнщ, ахъумэ, нэгъуэщ1 мыхъуми, зэрысщ1ам еплъыну пщыхьэщхьэм къек1уэк1ын хуеякъэ?»
Ет1уанэ махуэми Уашхэр къыщемык1уэк1ым, Ужьэр езыр и гъунэгъум деж к1уащ. Щ1ыхьэмэ, Уашхэр щэ1уу, гызу, сымаджэу хэлът.
— Мыр сыт, си ныбжьэгъужь, къыпщыщ1ар?
— Уей, сымыщ1э. хьэлъи семы1а, щ1ы1и сыхэмыхьа, ит1ани си ныбэр къре1уэнт1ык1.
— Уэмызэгъын гуэр пшхауэ п1эрэ?
— Уей, апхуэдэ сшхауи сымыщ1э. Нышэдибэ лы гъэва сшхыри лэпс тесфыхьыжащ, ит1анэ лы гъэжьа, джэш фалъэ, кхъуейжьапхъэ тепщэч, псыхьэлывэ т1эк1у- аращ сшхари нышэдибэ лъандэрэ. Иджы шэджагъуашхэри къэблэгъащи, схуэшхын1ауэ си ф1эщ мыхъу, 1ейуэ си ныбэр мэуз.
1уэхур зытетыр къызыгуры1уа Ужьэм жи1ащ:
— Си ныбжьэгъужь, сэ уэ 1эзэгъуэ пхуэхъун сщ1эркъым, ауэ Жьындур куэдым хуэ1эзэу жа1эри, къыпхуэсшэнщ.
Жьындур къыщеупщ1ым, Уашхэм абыи Ужьэм жри1а дыдэр хуи1уэтащ.
— Уэ уи узыр уз шынагъуэщ, — жи1ащ Жьындум. – Ар щхьэхынэ узымрэ ныбаблэ узыымрэ пхузэхыхьэжауэ аращи, зы хущхъуэгъуэ ф1эк1 и1экъым – уи 1эпкълъэпкъыр зэрыгъэк1. Ар жи1эри, Жьындур лъэтэжащ.
— Сыт абы жи1ам къик1ыр? – къыгуры1уакъым Уашхэм.
— Абы къик1ыр сэ къыбгурызгъэ1уэнщ, къэтэджи си гъусэу нак1уэ, — жи1ащ Ужьэм. 1ыхьсыхьрэ щхьэхынэу, ерагъмыгъуейк1э къызэф1эувэри, Уашхэр ужьэм и ужь иуващ. Ужьэм и гъуэм нэсхэри, Ужьэм пхъэх къыщ1ихащ.
— Мы пхъэхым и к1апэр къэубыди, мо жыгыр пыдгъэх.
Уашхэм сыт ищ1энт, иубыдщ пхъэх к1апэри жыгыр пахащ.
— Мес мори къэдмыгъауэу хъунукъым, — жи1ащ Ужьэм ик1и аргуэру зы жыг пахащ. Уашхэм и 1эпкълъэпкъыр нэхъ зэрык1ырт, нэхъ псынщ1э хъурт. Апхуэдэурэ, т1уми щ1ымахуэр ик1ыху зрикъунум хуэдиз пхъэ гъэсын ягъэхьэзыращ. Уашхэм, езыр икъук1э ешами, и ныбэ узри хъужащ, и узыр къызыхэк1ари къыгуры1уэжри, щхьэхынэнымрэ ныбаблэнымрэ зыхинащ. Иджы т1ури, зым 1эпыхур адрейм къищтэжу, зэгъунэгъуф1у мэпсэу.
Егъэджак1уэ:
- Нарт эпосыр
Егъэджак1уэ:
- Псынщ1эрыпсалъэхэр — 1уэры1уатэм и жанр ц1ык1ухэм ящыщ зыщ. Фэ фхуэдэ сабийхэр игъэджэгуу ик1и тэмэму псалъэу иригъасэу народым къагупсыса 1эмал гъуэзэджэщ псынщ1эрыпсалъэхэр. Фэ, ц1ык1ухэ, ахэр нэхъыбэу жыф1эху, анэдэлъхубзэр дахэу, шэрыуэу вгъэбзэрабзэнущ. Дэ дедэ1уэнщ ц1ык1ухэм жа1эну яф1эф1 псынщ1эрыпсалъэхэм.
Мо шк1э бур ди шк1э? Мо шк1э бур ди шк1э? Мо шк1э бур ди шк1э?
Пыжь пызу пыту щыту иту жыг Пыжь пызу пыту щыту иту жыг Пыжь пызу пыту щыту иту жыг.
1эпхъуалъэ ф1ыц1э, псырылъэ ц1у, псырылъэ ф1ыц1э 1эпхъуалъэ ц1у.
П1ыт1инэрэ П1ыт1ут1эрэ п1ырып1 зэхап1ыт1э.
Хурсэ хурсэ хурсанэ, санэху зэраза кхъузанэ.
Мыщэр пэщащэурэ мащэм ихуащ.
Егъэджак1уэ: Адэк1э псысэ дедэ1уэнщ.
Еджак1уэ Чэртбий Астемыр /3Акл./: «Чэнджэщ»
Щак1уэр мэзым къик1ыжырт. Зыри къищэк1уатэкъыми, и щхьэр къыф1эхуат. Къыздэк1уэжым, Уэгунэбзу ц1ык1у гуэр къиубыдащ.
-Сут1ыпщыж, -жи1ащ Уэгунэбзум. — Сыбут1ыпщыжмэ, игъащ1эк1э къыпщхьэпэн чэнджэщу щы уэстынщ.
Щак1уэр арэзы хъуащ.
-Япэ чэнджэщыр мыращ: блэк1ам ущ1эмыфыгъуж.
-Хъунщ, — жи1ащ Щак1уэм. -Ет1уанэри къызже1э.
-Ар щыбжес1энур сыбут1ыпщыжмэщ.
-К1уэ, — жи1эри иут1ыпщыжащ. Жыгым пыт1ысхьэжауэ, Уэгунэбзур къопсалъэ:
-Ет1уанэ чэнджэщыр мыращ: пц1ыр уи ф1эщ умыщ1.
-Хъунщ, жи1ащ Щак1уэм. — Ещанэри къызже1э.
-Ещанэм зэк1эухуэмып1ащ1э.Уэ пщ1эуэ п1эрэ укъызэрызгъэпц1ар? Си хулъэм джэдык1э хуэдиз хъууэ дыщэ к1анэ илъщ. Ар уи1амэ,игъащ1эк1э пхурикъунт.
-Щхьэ узут1ыпщыжат! Укъысхурикъуащ! Дыщэм сыхэк1ыжащ! — жи1ащ Щак1уэм. — Ещанэм сегъэда1уэ.
-Хьэуэ, абы ухуейкъым уэ, — жи1ащ Уэгунэбзум. — Т1у бжес1ати, асыхьэту пщыгъупщэжащ.»Блэк1ам ущ1эмыфыгъуж» бжес1ати, сызэрыбут1ыпщыжам ухущ1егъуэжащ. «Пц1ыр уи ф1эщ умыщ1″бжес1ати, абы уедэ1уакъым. Сэ езыр джэдык1э хуэдизщ сызэрыхъур, си хулъэм джэдык1э хуэдиз дыщэ к1анэ ихуэн? Нэгъуэщ1чэнджэщ уэ пхуэфащэкъым.
Ар жи1эри Уэгунэбзур лъэтэжащ. Щак1уэри, и щхьэр ф1элэлу,къэк1уэжащ и унэм.
Егъэджак1уэ:
6.Ныбжьыщ1эхэм я гупсысэм и жанагъыр къуажэхьхэм иризэхагъэк1ыу щытащ, абыхэм дэ къыдагъащ1э лъэпкъым и акъылыр, и гулъытэр, и ф1эщ хъумрэ къыф1эщ1ымрэ здынэсыр. Ц1ык1ухэ, къэфщ1эну фыхуей къуажэхьхэр? Феда1уэ-т1э.
- Зыр мажэ, зыр мэжей, зыр мэджэгу (Псы, мывэ, бдзэжьей)
- 1эдэуадэншэу псым лъэмыж тезылъхьэ (мыл)
- Ди бжыхь лъабжьэ хьэ дзакъэрей к1эщ1эсщ (шыпсыранэ)
- Т1ур къоплъэ, т1ур къода1уэ, т1ум урахьэжьэри йожьэж (нэ, тхьэк1умэ, лъакъуэ)
- И тхьэк1умэр дзасэ, и пэр сыринэ, и нэр вагъуэ, мапк1э, малъэ, мэбгъунлъэ, мэлъей (тхьэк1умэк1ыхь)
- Уеплъмэ, гъуджэ, уеджэм дэгу (мыл)
- Ббгъэдэмык1 лъакъуэ к1ыхь (ныбжь)
- Щабэрык1уэ мэз к1уэрей (1эжьэ)
- Дунейр зыгъэнэху, псыр зыгъэхуабэ (дыгъэ)
- Зи к1эр зылъэфу, зи фэр зи бий (бажэ)
- Щыгъын хыщ1 зыщыгъ, щыгъыну щыгъри щ1ы1уншэ, хэт ит1эщ1ми, егъагъ (бжьын)
- Къан хъыджэбзит1 зэлъэпагъщ (набдзэ)
- Щхьэнтэ щ1ы1ум щыпырхъ, 1энэ щ1агъым щытхъэж (джэду)
Егъэджак1уэ: Иджы зы шыпсэ дедэ1уэнщ.
Еджак1уэ Ф1эщмыхъу Иринэ /3Бкл./: «Кърумрэ Бажэмрэ»
Кърур Бажэм и гъуащхьэм деж къыщет1ысэхащ. Бажэр гъуэм къижащ.
— Къеблагъэ, Къру ц1ык1у, хьэщ1э утщ1ынщ.
-Уи благъэ куэд ухъу, — жи1ащ Кърум.
— Нэгъабэ бжьыхьэ лъандэрэ услъэгъуакъым. Дэнэ ущык1уэдар?
— Гъуэгу сытетащ, -жи1ащ Кърум. – Хым адрыщ1к1э сыщы1ащ.
— Хым адрыщ1к1э узыхьын акъыл уи1э уэ? –игъэщ1эгъуащ Бажэм.
— Си1эщ, — жи1ащ Кърум, — хым адрыщ1к1э сызыхьыни сыкъэзыхьыжыни.
— Сыноплъри угуащ1эмащ1э гуэрщ, угъуапэкъым, упщамп1экъым. Уи щхьэр си к1эным хуэдизщ зэрыхъур. Дэнэ къипха апхуэдэ акъыл? Пц1ы къысхуэбупс хъунщ, — и ф1эщ хъуакъым Бажэм.
— Хьэуэ, пхуэзупсыркъым, — жи1ащ Кърум. – Бжьыхьэ къэс хым сызэпрок1, гъатхэм сыкъызэпрок1ыж.
— Тобэ, тобэ! А уи щхьэжь ц1ык1ум апхуэдиз акъыл илъ?
— Сызрикъун илъщ, — жи1ащ Кърум, — хым сызэпрызыхыни сыкъызпрызыхыжыни.
— Абы щыгъуэм, — жи1ащ Бажэм, — мы дунейр хъурейуэ къызэрыск1ухьын акъыл си1э хъунщ сэ. 1эмалищэрэ зырэ зыщ1э Бажэм и ц1э зэхэпхакъэ?
— Зэхэсхащ, — жи1ащ Кърум.
— Ар сэращ жыхуа1эр: 1эмалищэрэ зырэ сощ1э сэ!
— И хъер улъагъу, — жи1ащ Кърум, зиплъыхьурэ.
— Щхьэ зыпплъыхьрэ? – гузэващ Бажэр.
— Щак1уэр къок1уэ.
— Емынэм къихурэ! – жи1ащ Бажэм, — къак1уэ, си гъуэм къипщхьэ: зыщхьэщыдгъэк1ынщ.
Кърур Бажэм и гъуэм ипщхьащ. Щак1уэр къэсащ. Кърум и к1эр гъуэм къищырти, щак1уэм иубыдащ. — Бажэм и гъуэм щхьэ уипщхьэрэ, Къру ц1ык1у? Дзыхь хуэпщ1 хъурэ Бажэм?
Кърур бажэгъуэм кърилъэфри, зригъэт1ылъэк1ащ щак1уэм. Кърум л1а нэпц1 зищ1ащ. Щак1уэр гъуэм и1эбэри, Бажэр кърилъэфащ.
— К1э бгъуэтащ, Бажэ ц1ык1у! – жи1ащ щак1уэм. – Уи ф1ыгъэк1э Кърури къыс1эрыхьащ. Щак1уэм зригъэзэк1ри, Кърур игъуэтыжакъым: л1а нэпц1 зызыщ1а Кърур лъэтэжащ.
— Кърум и акъыл мащ1эри нэхъыф1ти, си 1эмалищэрэ зым нэхърэ! – жи1эри Бажэр къэгъащ, щак1уэм къэпым щридзэм.
Егъэджак1уэ:
- Усэхэри – адыгэ 1уэры1уатэм къыщыхощыж. Мыбыхэм макъамэ щ1эплъхьэу жып1э хъунущ. Усэхэр гъэщ1эгъуэнщ, узы1эпишэу ц1ык1ухэри инхэри йода1уэ. Усэхэм къеджэнущ еджак1уэхэу е-3-нэ Б кл. щ1эсхэу Маршынкъул Алинэрэ Ныр Аксиньярэ, е-3-нэ Вкл.щ1эс Сэбанчы Олег.
Адакъэ
Уэ адакъэ,адакъэ, Уэ адакъэ,адакъэ,
Уэ адакъэ щэджащэ, Уэ адакъэ щэджащэ,
Дыщэ мажьэр зи сыдж, Дыщэ мажьэр зи пы1э.
Сыту жьыуэ утэджрэ! Кхъы1э, ину умы1уэ,
Сыту хуабжьу уджэгурэ! Мы зэ 1уэгъуэр блэгъэк1.
Щ1эбгъэхъаеу умыджэ – Уэ 1уэху блэк1 уимы1э.
Ди хъыджэбзыр къогъащтэ, Джэду уи1эр гъэжей,
Щтэ1эщтаблэу уогъэк1ий. Цаци жейм егъэзэгъ.
Къру
Къуршым къык1ыу
Лъакъуэ к1ыхь, Ныджэм щыт1ыс,
Ди щ1ым къихьэу бэзэрыфэ, К1апсэшхуэу зызыукъуэдий,
Зи фэр дыщэ къамыл, Укъуэдияуэ уэгум ихьэж.
Зи лыр мэрем нэху,
К1ущэ.
К1ущэ, к1ущэ,
К1уэнацэ,
Гуэн гуцэр
Зи цэпс,
Дзыгъуэм я псэр
Хэзыуд,
Хьэдрыхэ щыгъуагъуэ,
Унащхьэ тхыц1эр
Зи гъуэгу,
Зи гу ц1ык1ур
Зы1эпылъ,
Зи лъэ ц1ык1ур
Зи мажьэ,
Бэрэжьейр зи жьауэ,
Жыг жьауэм
Щ1эмыхьэ,
Хьэщ1э къихьэмэ,
Мытэдж,
Мытэджыжыр
Си к1ущэ,
Ек1ущэхи
Псы къэхь,
Жьант1эм къэхьи
Къэгъэув,
Зи лыр дыгъурыгъу,
Зэгъунэгъуибгъум
Я шэ пэгунибгъум
Я шатащхьэр трефык1ри
Гуащэм и гъуэлъып1эм йот1ысхьэж.
Егъэджак1уэ:
- Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадогъуэгурык1уэ джэгук1э гъэщ1эгъуэнхэр. Нобэ абахэм ящыщ джэгук1эхэмк1э дыджэгунущ. Япэ джэгук1эр икъук1э гъэщ1эгъуэнщ. Мыбы зэреджэр «Си 1ыхьэр — щэ?» Сабиит1 зэпадзыжу (упщ1э – жэуапу) джэгуу щытауэ аращ. Упщ1эхэри жэуапхэри зэпхъуэк1 хъунущ, ауэ ущыуэу куэдрэ зып1эжьэмэ, «арму» жа1эри узэгуагъэп, уи п1эк1э нэгъуэщ1 ягъэджэгу. Щымыуэн щхьэк1э, упщ1эхэри жэуапхэри зэрагъащ1эу щытащ. Дедэ1уэнщ еджак1уэхэу Лат Данэрэ Къаныкъуей Астемыррэ /3 А кл./
Си 1ыхьэр-щэ?
-Си къаз плъэгъуа? -Джыдэр-щэ?
-Слъэгъуащ. –Пщ1ащэм хэлъщ.
-Дэнэ к1уа? -Пщ1ащэр-щэ?
-Абгъуэм исщ. –Лыгъэм ес.
-Сыт къик1эц1? -Лыгъэр-щэ?
-Джэдык1э. –Псым егъэунк1ыф1.
-Хэт ишх? -Псыр-щэ?
-Мэлыхъуэм. –Хьэм иреф.
-Сыт къыуит? -Хьэр-щэ?
-Хъурыфэ. -Л1ым щ1ыгъущ.
-Хэт игъэтэдж? -Л1ыр-щэ?
-Тэджырей. –Мэкъу йоуэ.
-Хэт ибз? -Мэкъур-щэ?
-Бзэрей. –Шхалъэм дэлъщ.
-Хэт ид? -Шхалъэр-щэ?
-Дэрей. –Жэмыр бгъэдэтщ.
-Хэт щит1агъэ? -Жэмыр-щэ?
-Си шыпхъум. –П1ап1у къехь.
-Дэнэ ук1уэ? -П1ап1ур-щэ?
-Хьэщ1ап1э. –Джэдум иреф.
-Сыт ирагъэшх? -Джэдур-щэ?
-Щыхь куц1рэ фо ц1ынэрэ. –Гъуанэм исщ.
-Си 1ыхьэр- щэ? -Гъуанэр-щэ?
-Гъуанэм илъщ. –Уэ уисыжщ.
-Илъыжкъым.
-Дэнэ к1уа?
-Къуанщ1эм ешх.
-Къуанщ1эр-щэ?
-Жыгым пысщ.
-Жыгыр-щэ?
-Джыдэм пеупщ1.
«Лъэтеувэ» — мы джэгук1эм аращ зэреджэр. Мыри гъэщ1эгъуэнщ.Адыгэхэм хабзэу я1ащ сабийр къызэф1эувэу езыр-езыру лъэбакъуэ щичам и деж хъуэхъу хуащ1у, хьэлыуэ 1энэ хуаубэу. Мис абы сабийхэри кърихьэлъэрт: щ1алэ ц1ык1уи хъыджэбз ц1ык1уи. Сабий джэгухэм хьэлыуэ 1упщ1э зырыз яубам щыщу иратырт. (Сабийхэр мэджэгу).
Жа1э сабийхэм: Сэ сок1уэ!
Сэ сожэ!
Щытхэм сахолъадэ!
Абыхэм сахэбгъадэмэ…( … къыхызохыр!)
Ещанэ джэгук1эри икъук1э гъэщ1эгъуэнщ, «1эбэдзыуэк1э» зэджэр, иджыпсту сабий ц1ык1ухэм дагъэлъагъунщ.
Егъэджак1уэ:
Фигу ирихьакъэ ди зэ1ущ1эр, ц1ык1ухэ? Нобэ адыгэ 1уэры1уатэращ дызытепсэлъыхьар. 1уэры1уатэр ф1ыуэ зымылъагъу ц1ык1уи ини щы1эу къыщ1эк1ынкъым.
Ди гуапэ зэрыхъущи, ини ц1ык1уи дехьэх абы, ик1и я мыхьэнэр зык1и к1ащхъэ хъуркъым.
1уэры1уатэр нэсу зэбгъащ1эмэщ ди лъэпкъ культурэр, литературэ куууэ къыщыбгуры1уэнур, япэк1э щыбгъэк1уэтэфынур. Ди гугъэщ фэри 1уэры1уатэр ф1ыуэ къэфлъэгъуауэ. Ди нобэрей зэ1ущ1эри пэщ1эдзэу къэтлъытэнщ. Аращи, ди зэ1ущ1эр и к1эм нэблэгъащ. Хэтахэми хьэщ1э къеблэгъахэми ф1ыщ1э ин фхудощ1. Ди япэк1и ф1ык1э, гуф1эгъуэк1э Тхьэм дызы1уигъащ1э! Узыншэу фыщытхэ!

